Jump to content

Къазмакъей

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къазмакъей
Къазмакъей, къэкӀыгъэщӀэныгъэ тхылъымкӀэ зэхэхауэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ: ТӀуанэзэгуэкӀ
ХэкӀыгъуэ: Хьэцыбанэгъагъ
Лъэпкъ: Elaeagnáceae
Лъэпкъыгъуэ: Къазмакъей
Латин цӀэр
Hippophaë L.


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 500326
NCBI 48233

Къазмакъей (лат-бз.: Hippophaë rhamnoides, ур-бз.: Облепиха) — пабжъэ иэ жыг къэкӀыгъэ. Еуразиэм икурыт лъэныкъуэхэм къыщокӀ.

Жэпкъ бжыгъу зэфӀэт, тхьампэпыху пабжъэ; зэзэмызэкӀэ, макӀыу жыгу мэкӀыр. Илъэгагъыр иныкъуэм м. 1 - 3 иэ м. 3 - 6, макӀыу м. 15 щынэс мэхъу, ипкӀашъхьар псыфу щыт, банэ кӀыхьу пыту. Къудамэхэм, гъэчхэм жыгым ипкӀахьар хъуреуэ иэ памцӀу иэ бгъуэуэ щыт.

Илъабжъэр шӀыфэм игъунэгъу щыт, см. 40 мы нэхъ кууэ, бгъуэуэ зэкӀэкӀыу.

Тхьампэхэр зэрызу, иэ зэпэщылъу къытокӀэхэ. ИшъхьамкӀэ псыфэ-удзыфу икӀагъымкӀэ гъуэплъ-псыфу иэ гъуэжь-псыфу; хужьу.

МэракӀуэхэр хъуреуэ щытхэ гъуэжьху иэ хуэплъыжьыфу, псы куэду якӀэту, гуашӀыу, мэ къадихьаху. КумкӀэр хуэхъуреуэ, кӀыхьу щыт, нэхъыбэм фӀыцӀу, лыду.

Мы Ӏарысэ къэкӀыгъу здэкӀыр Еуропэ (Къаукъазыр хэту), КъуэхьапӀэ, Курыт Азиэм, Монголым, Китайм, Пакистаным, Индиэм. Урысейм идежь къыздэкӀыр еуропей лъэныкъуэм ( Ишъхъэрэ Къаукъазыр хэту ), КъуэхьапӀэ, КъуэкӀыпӀэ Сыбырым, Алтайм. Куэду жыг-хадэхэм къагъэкӀыр, Урысейм цӀэрыӀу къалъыта.